Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 8:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Ар щыжаӀэм, Хьисэ цӀыху гупышхуэм унафэ яхуищӀащ етӀысэхыну. ЩӀакхъуиблыр къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Апхуэдэуи ящӀащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 8:6
18 Iomraidhean Croise  

Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ, зэгуищӀыкӀщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.


– ЩӀакхъуиблри цӀыху миниплӀым щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжар? – Матибл, – къыжраӀащ абыхэм.


ЩӀакхъуэ дапщэ фиӀэр? – еупщӀащ Хьисэ абыхэм. – ЩӀакхъуибл диӀэщ, – къыжраӀащ абыхэм.


Бдзэжьей тӀэкӀуи яӀэт. Абыхэм щхьэкӀи Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ.


Тепщэм къигъэзэжа нэужь, мыжейуэ икӀи сакъыу къызрихьэлӀэж унэӀутхэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, абы и цеикӀэр диупщӀэнущ, Ӏэнэм пэригъэтӀысхьэнущ икӀи езыр къэкӀуэнурэ къащхьэщытынущ.


Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ.


– Хьисэ сыт къывжиӀэми, вгъэзащӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и анэм ӀуэхутхьэбзащӀэхэм.


Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ.


Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ.


Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan