25 Хьисэ и Ӏэхэр нэфым и нэхэм трилъхьащ аргуэру. Арати, лӀым и нэр къэплъэжащ, Ар хъужри, псори ӀупщӀу илъагъу хъужащ.
– Ар хэтуи ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, къелыжу хуигъэбэгъуэнущ, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ Тхьэм.
Нэфым и щхьэр къиӀэтри, жиӀащ: – ЦӀыхухэр зекӀуэу солъагъу. Ахэр жыгхэм ещхьщ.
Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Жылэм удэмыхьэж икӀи зыми зыри хуумыӀуэтэж. ИтӀанэ и унэм кӀуэжыну иутӀыпщыжащ ар Хьисэ.
Хьисэ уафэм щыдэкӀуеижым, я нэхэр траубыдауэ уафэм дэплъей апостолхэм я пащхьэм щыгъын хужькӀэ хуэпа лӀитӀ напӀэзыпӀэм къыщыхутащ.
Паул щыпсалъэм, а лӀыр едаӀуэрт. И нэхэр лӀым триубыдэри, хъужыну абы фӀэщхъуныгъэ иӀэу щилъагъум,
Тхьэм фи гум щиубла Ӏуэхур Хьисэ Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм нэсыху зэрыригъэкъужынум сыщогугъ.
Ауэ фэ Тхьэм къыхиха лъэпкъыу, Тхьэуэ пащтыхьым хуэлажьэ дин пашэхэу, лъэпкъ лъапӀэу икӀи Тхьэм и цӀыхухэу фыщытщ. Апхуэдэу щӀэхъуар кӀыфӀыгъэм фыкъыхэкӀыжу, нэхунэшхуэм фыхыхьэну фыкъыхуезыджа Тхьэм и Ӏуэху телъыджэхэр фӀуэтэн щхьэкӀэщ.
Ди Зиусхьэну ди КъегъэлакӀуэ Хьисэ Мэссихь и нэфӀыр зэпымыууэ къызэрыфщыхуэным икӀи езыр нэхъыфӀу зэрыфщӀэным и ужь фит. Ноби мыкӀуэдыж махуэм нэсыхуи щӀыхьышхуэр ейщ абы. Ӏэмин.