22 Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Вифсайдэ жылэм кӀуащ абы и ужкӀэ. ЦӀыхухэм лӀы нэф гуэр къыхуашэри, абы теӀэбэну Хьисэ елъэӀуащ.
– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! – жиӀащ абы. – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щызлэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щызлэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.
НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт сымаджэхэр, щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.
Хьисэ сымаджэм и Ӏэм еӀусэри, абы плъыржьэрыр щхьэщыкӀащ. Петр и щыкъу анэр къэтэджыжри, Хьисэ хьэщӀагъэ кърихащ.
И Ӏэр ишийщ, абы теӀэбэри, Хьисэ жиӀащ: – Сыхуейщ, узыншэ ухъуж. Уэшын уз щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ а сыхьэтым.
Абыхэм я нэхэм еӀусэри, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Фэ фи фӀэщ зэрыхъуам хуэдэу, къывдрехъу.
Абы ирихьэлӀэу, цӀыху зыбжанэ къэкӀуащ; абыхэм ящыщ цӀыхуиплӀым пкъыуэ хъуа лӀы гуэр къахьырт.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ цӀыху куэд игъэхъужырти, уз зыпкърыт цӀыху псоми зыкъыхуадзырт, абы къеӀусэн щхьэкӀэ.
Хьисэ цӀыху гупышхуэр иригъэжьэжыху зыпимыгъаплъэу, и гъуэгу ирикӀуэхэр кхъуафэжьейм иригъэтӀысхьащ, гуэл адрыщӀым щыӀэ Вифсайдэ къалэм кӀуэн щхьэкӀэ.
– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щыслэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щыслэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ, я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.
Хьисэ деж къыщагъэзэжым, апостолхэм ялэжьа Ӏуэхухэр абы хуаӀуэтэжащ. Хьисэ цӀыхухэм яхэкӀщ, апостолхэр зыщӀигъури, ВифсайдэкӀэ зэджэ къалэм кӀуащ итӀанэ я закъуэу.
А Филиппыр Индрисрэ Петррэ зыдэс Вифсайдэ къалэм щыщт.
Ахэр Галилей хэкум ит Вифсайдэ къалэм щыщ Филипп и деж кӀуэри, елъэӀуащ: – Зи щӀыхь ин, Хьисэ тлъагъуну дыхуейщ.