Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 8:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Хьисэ хьэлъэу хэщэтыкӀри, жиӀащ: – Иджырей цӀыхухэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуей щӀэхъуар сыт? Пэжыр нывжызоӀэ, Тхьэм иджырей цӀыхухэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ къаритынукъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 8:12
15 Iomraidhean Croise  

Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ ящыщ гуэрхэм Хьисэ къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ гуэр дыбгъэ-лъагъуну дыхуейщ.


Иджырей цӀыху бзаджэу Тхьэр зымыщӀэхэр нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ хуейщ, ауэ Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀа Тхьэм абыхэм къаритынукъым. Ар жиӀэщ, абыхэм яхэкӀри, Хьисэ ежьэжащ.


Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.


Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт.


Уафэм дэплъейщ, куууэ хэщэтыкӀри, лӀым жриӀащ итӀанэ: «Еффатэ». (Еффатэм къикӀыр: «Уи тхьэкӀумэхэм зызэӀуахыжынущ».)


Ахэр къигъанэщ, кхъуафэжьейм итӀысхьэжри, Хьисэ гуэлым зэпрыкӀыжащ абы и ужькӀэ.


– Еууей, фӀэщхъуныгъэ зимыӀэ иджырей цӀыхухэ! – яжриӀащ Хьисэ. – Сыт хуэдизрэ сыфхэтын хуей? Сыт хуэдизрэ фысшэчын хуей? Къысхуэфшэ а щӀалэр.


Ерусалим пэгъунэгъу хъууэ, къалэр щилъагъум, абы хуэгъыурэ, Хьисэ жиӀащ:


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan