7 Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ, цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ, сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».
Абыхэм цӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр ирагъащӀэурэ, цӀыху хабзэр Тхьэм и унафэм зэрыхуагъадэм щхьэкӀэ, сэ сызэрагъэлъапӀэр пщӀэншэщ».
Тхьэм фыщелъэӀукӀэ, куэдыщэ жывмыӀэ, хамэ лъэпкъхэм зэращӀым хуэдэу; куэд жаӀэмэ, зыщӀэлъэӀухэм Тхьэр едэӀуэну щогугъ ахэр.
Тхьэм Мэссихь лӀахэм къахимыгъэтэджыкӀыжамэ, фэ фэдгъащӀэ хъыбарыфӀым пщӀэ иӀэнутэкъым, ди фӀэщхъуныгъэми пщӀэ иӀэнутэкъым.
Аращи, си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и гъуэгу зыми зытревмыгъэгъэкӀыу щыпкъагъэм фытет. Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Ӏуэхум зэпымыууэ и ужь фит, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным хуэфщӀэ Ӏуэхур пщӀэншэ зэрымыхъунур фощӀэ.
Апхуэдэ унафэхэр зытеухуар цӀыхухэм къазэрыӀэщӀыхьэу кӀуэдыж шхынырщ. ЦӀыхухэм къагупсысауэ, а унафэхэр нэгъуэщӀ цӀыхухэм ирагъащӀэ.
ПщӀэ зимыӀэ зэдэуэным, лъэпкъ зэтепщӀыкӀхэм, Торэт хабзэм теухуа зэгурымыӀуэными зэщыхьэными защыхъумэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм фӀагъ лъэпкъ къадэкӀуэркъым, пщӀэи яӀэкъыми.
Зыгуэрым Тхьэм и фӀэлӀыкӀ и гум илъ фӀэщӀу, ауэ и бзэр имыубыдмэ, абы и щхьэр къегъэпцӀэж, и динри пщӀэншэщ.
Уэ, зэхэщӀыкӀ зимыӀэ цӀыху, фӀыщӀагъэхэр зыщӀымыгъу фӀэщхъуныгъэм сэбэп къызэрыпымыкӀынур къыбгурызгъэӀуэну ухуей?
Тхьэм деж къикӀауэ, мы тхылъым ит псалъэу къэхъуну Ӏуэхугъуэхэм теухуар зэхэзых дэтхэнэри зыхуэсакъыжыну жызоӀэ. Мы тхылъым ит псалъэхэм цӀыху гуэрым зыгуэр хилъхьэмэ, мы тхылъым зи хъыбар ит гугъуехьышхуэхэр Тхьэм абы трилъхьэнущ.