Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 7:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Арати, фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ къеупщӀащ: – Уэ уи гъуэгу ирикӀуэхэр, адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм темыту, Ӏэ фӀейкӀэ сыт щӀэшхэр?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 7:5
12 Iomraidhean Croise  

– Уи гъуэгу ирикӀуэхэр ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм сыт щӀытекӀыр? Я Ӏэхэр ямытхьэщӀэу машхэ ахэр.


Абы фытетурэ, фи адэжьхэм я хабзэу фи къуэхэм къахуэвгъанэхэмкӀэ Тхьэм и псалъэхэр лъэныкъуэ ивогъэз. Апхуэдэ Ӏэджи фощӀэ фэ.


Тхьэм и унафэр къэвгъэнауэ, цӀыхухэм къащӀэна хабзэхэм фытетщ.


Фи адэжьхэм къащӀэна хабзэхэр вгъэзэщӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и унафэр лъэныкъуэ ивогъэз, – къыпищащ Хьисэ.


Я сабийхэр сунэт ямыщӀынуи я хабзэхэм темытынуи жыпӀэу, хамэ лъэпкъхэм яхэс журт псори Мусэ и гъуэгум текӀыну бущийуэ жаӀэурэ, цӀыхухэм зэрахьэ хъьыбар пхэнжыр зэхахащ.


Ахэр здэши, Торэт хабзэм тету я гъусэу зыгъэкъэбзэжи, я щхьэхэр яупсын щхьэкӀэ, ахъшэ ет. Ар ялъагъумэ, уэ къыптеухуауэ зэхаха хъыбархэр зэрымыпэжри, уэр-уэру Торэт хабзэм утету, абы итхэр зэрыбгъэзащӀэри цӀыху псоми ящӀэнущ.


Ибрэхьим сунэт ящӀа цӀыхухэми адэ хуэдэу яхуохъу. Абыхэми адэ хуэдэу щӀахуэхъур ахэр сунэт зэращӀа къудейм щхьэкӀэкъым, ахэр Ибрэхьим и лъэужьым техьауэ, ар сунэт ящӀыным и пэ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгуу зрикӀуам ахэри зэрырикӀуэм щхьэкӀэщ.


Сэ си лъэпкъым щыщу, си ныбжьэгъу куэдым я пэ ситащ журт диным сызэрыхэтамкӀэ. Ди адэжьхэм къытхуагъэна хабзэхэм си фӀэщу сахэтт.


Фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм лэжьэн ямыдэу зэхэтхащ. Абыхэм Ӏуэху ящӀэркъым, ауэ я Ӏуэху зыхэмылъым хэтщ.


Ди къуэшхэ, лэжьэн зымыдэ икӀи къыфхуэдгъэна унафэхэм темыт дэтхэнэ къуэшми пэӀэщӀэ зыфщӀыну ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ унафэ фхудощӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan