25 Жин бзаджэм иӀыгъ пхъу зиӀэ цӀыхубз гуэрым Хьисэ абы зэрыщыӀэр зэрызэхихыу къакӀуэри, абы и лъабжьэм зыщӀидзащ.
А лъэныкъуэм къикӀа, Ханаан хэкум щыщ цӀыхубз гуэр Хьисэ деж къакӀуэри, кӀий-гуоуэ жиӀащ абы щыгъуэ: – Зиусхьэну Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ. Жин бзаджэ гуэрым си пхъур хуабжьу гугъу ирегъэхь.
Уэшын уз зыпкърыт лӀы гуэр Хьисэ къыбгъэдыхьэщ, лъэгуажьэмыщхьэу къэтӀысри къелъэӀуащ: – Ухуеймэ, сыбгъэхъужыфынущ.
ЦӀыхубзым къыщыщӀар ищӀэжырти, къэщтарэ кӀэзызу къыбгъэдыхьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, пэжыгъэ псори хуиӀуэтэжащ.
А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.
А цӀыхубзыр Сирофиникие хэкум щыщт, и бзэри алыджыбзэт. Ар Хьисэ къелъэӀуащ жин бзаджэр и пхъум хихужыну.
Хьисэ и лъабжьэм бгъэгукӀэ зыщӀидзэри, фӀыщӀэ хуищӀащ. А лӀыр Самарие хэкум щыщт.