23 Мы бзаджагъэ псори гум и кӀуэцӀым къокӀри, цӀыхур мыкъабзэ ящӀ.
ЦӀыхур мыкъабзэ ищӀын зылъэкӀыр абы ишх ерыскъыракъым, атӀэ цӀыхум и гум къикӀырщ.
– Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ?
– ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и гум къикӀыращ, – къыпищащ Хьисэ.
нэпсеягъэр, бзаджагъэр, гъэпцӀагъэр, мыхъумыщӀэ псэукӀэр, фыгъуэныр, цӀыхухэм яхуэпсэлъэныр, пагагъэр, делагъэр.
А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.
Тхьэм и унэшхуэр зыгуэрым зэхикъутэмэ, Тхьэм а цӀыхур игъэкӀуэдынущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и унэшхуэр лъапӀэщи. А унэшхуэр фэращ.
Зигу къабзэ цӀыхухэм я дежкӀэ псори къабзэ мэхъу, ауэ зигу мыкъабзэ цӀыхухэм я дежкӀи, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэм я дежкӀи къабзэ зыри щыӀэкъым. Я акъылри ныкъуэщ. Ягухэми ери фӀыри зэхагъэкӀыфыркъым.
Апхуэдэу, я нэкъыфӀэщӀхэм щхьэкӀэ мы цӀыхухэм япкъхэр ягъэуфӀей; тепщэныгъэ зиӀэхэр ядэркъым, уафэм щӀыхьышхуэ щызиӀэхэми хуошхыдэ.