18 – Фэри зыри къывгурымыӀуэу ара? – яжриӀащ Хьисэ. – ЦӀыхум ишх ерыскъым ар мыкъабзэ ищӀын зэрылъэмыкӀынур къывгурыӀуэркъэ?
ЦӀыхур мыкъабзэ зыщӀыр и жьэм къыжьэдыхьэр аракъым, атӀэ жьэм къыжьэдэкӀырщ.
«Фарисейхэмрэ саддукейхэмрэ я пщагъэм зыщыфхъумэ», щыжысӀэм, щӀакхъуэракъым сэ жыхуэсӀар, ар щхьэ къывгурымыӀуэрэ?
Хьисэ абыхэм яжриӀащ и ужькӀэ: – Мы ущие хъыбарыр къывгурымыӀуэу, адрей ущие хъыбар псори дауэ къызэрывгурыӀуэнур?
Хьисэ цӀыхубэм хэкӀыжу, унэм щыщӀыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а ущие хъыбарым теухуауэ къеупщӀащ.
ЦӀыхум ишх ерыскъыр и гум ихьэркъым, и ныбэрщ зэрыхьэр, ар пкъым къыхокӀыж итӀанэ. (А псалъэхэмкӀэ Хьисэ дэтхэнэ ерыскъыри хьэлэлу къилъытащ.)
– Сыту фызэхэщӀыкӀыншэ, бегъымбархэм жаӀэгъа псори фи фӀэщ хъун щхьэкӀэ, сыту гугъу фехьрэ! – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
– Уэ израил дин егъэджакӀуэхэм уащыщщ, ар умыщӀэу ара? – жэуап иритащ Хьисэ.
Сэ шхын фэзгъэшхтэкъым, ауэ шэ фезгъафэрт. Шхын фшхын флъэкӀыртэкъым, иджыри флъэкӀыркъым.
Мы Ӏуэхум теухуауэ къыжытӀэн хуеяр куэд мэхъу. Ауэ фитхьэкӀумэ жьажьэщи, а Ӏуэхухэр зэхывэзгъэщӀыкӀыныр гугъущ.