6 Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт.
Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.
Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.
Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт.
Галилей хэку псори къызэхикӀухьурэ, я синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэрт Хьисэ, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхихурт.
А лъэныкъуэм икӀыжри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. ЦӀыху гупышхуэхэр абы и деж къыщызэхуэсащ аргуэру икӀи, зэрихабзэу, Хьисэ абыхэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.
Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикӀухьым, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэурэ, Хьисэ ЕрусалимкӀэ кӀуэну иунэтӀащ.
Хьисэ Галилей хэкум щыщ Капернаум къалэм къехри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щэбэт махуэм щӀидзащ итӀанэ.
Галилей хэкум ит синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдэӀуащ апхуэдэу.
– Ар къыздикӀар зэрывмыщӀэр гъэщӀэгъуэнщ, апхуэдэу щыт пэтми, си нэхэр къигъэплъэжащ, – къажриӀащ а лӀым.
Назарет щыщ Хьисэ и хъыбарыр фощӀэ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къаруушхуэмрэ абы къыхуригъэхащ. Тхьэр абы и гъусэу зэрыщытам щхьэкӀэ, Ӏуэху щхьэпэ ищӀэурэ, шейтӀаным и къарукӀэ хигъэзыхьа цӀыху псори игъэхъужу щытащ.