51 Кхъуафэжьейм яхэтӀысхьэри, жьапщэшхуэри увыӀэжащ итӀанэ. Абыхэм ар нэхьри ягъэщӀэгъуащ,
Ар щызэхихым, игъэщӀагъуэри, Хьисэ и ужь ит цӀыхухэм яжриӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мыпхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ зы цӀыху закъуи Израил къэралым изгъуэтакъым сэ.
ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.
ЛӀыр асыхьэтым къэтэджщ, и алэрыбгъур асыхьэтым къищтэжри, цӀыху псоми ялъагъуу, унэм щӀэкӀыжащ. Ар псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэу, икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу, жаӀащ: – Мыпхуэдэ Ӏуэху зэи тлъэгъуакъым дэ!
Хьисэ къэтэджщ, борэнышхуэм егийри, псыми жриӀащ: – Сабырыж, увыӀэ! Жьыр увыӀэжри, дунейр щым дыдэ хъужащ.
– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – шынэурэ жаӀащ абыхэм.
Ар зэрыжиӀэу, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэувэри, къикӀухьу щӀидзащ. Хъыджэбз цӀыкӀур илъэс пщыкӀутӀым итт. Ар щалъагъум, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ.
Арати, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ яунэтӀащ я закъуэу.
Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.
Хьисэ кхъуафэжьейм кърагъэтӀысхьэну хуеящ ахэр, ауэ асыхьэтым кхъуафэжьейр псы Ӏуфэм есылӀащ.