Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 6:41 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

41 Хьисэ щӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, цӀыхухэм хуагуэшын щхьэкӀэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. БдзэжьеитӀри цӀыху псоми яхуигуэшащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 6:41
22 Iomraidhean Croise  

Хьисэ цӀыху гупышхуэхэм яжриӀащ удзыпцӀэм хэтӀысхьэну. ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀыурэ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ; абыхэм цӀыху гупышхуэхэм хуагуэшащ.


ШӀакхъуиблымрэ бдзэжьейхэмрэ къищтэри, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ итӀанэ. Абыхэми цӀыхухэм хуагуэшащ.


Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ, зэгуищӀыкӀщ, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.


Ахэр здэшхэм, Хьисэ щӀакхъуэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀрэ, зэгуищӀыкӀщ, абыхэм яритри жиӀащ: – Къафщти, фшхы. Мы щӀакхъуэр сэ си пкъыращ.


Арати, цӀыхухэр гуп-гупу тӀысащ, зы гупыр щэ, зы гупыр щэ ныкъуэ хъууэ.


ЦӀыху псори шхащ, псоми загъэнщӀащ.


Уафэм дэплъейщ, куууэ хэщэтыкӀри, лӀым жриӀащ итӀанэ: «Еффатэ». (Еффатэм къикӀыр: «Уи тхьэкӀумэхэм зызэӀуахыжынущ».)


ФщӀэжыркъэ, щӀакхъуитхур цӀыху минитхум щахузэгуэсщӀыкӀам, щӀакхъуэ бзыгъэхэр ярызу матэ дапщэ зэхуэфхьэсыжари? – Матэ пщыкӀутӀ, – къыжраӀащ абыхэм.


Абыхэм я гъусэу шхэну Ӏэнэм пэрытӀысхьэри, Хьисэ щӀакхъуэр къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, зэгуищӀыкӀри яритащ.


ЩӀакхъуитхумрэ бдзэжьеитӀымрэ къищтэщ, уафэм дэплъейри, абыхэм щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀащ Хьисэ. ЩӀакхъуэхэр зэгуищӀыкӀри, цӀыхухэм хуагуэшыну Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ.


Арати, лӀар зыщӀэлъ бгъуэнщӀагъым Ӏулъ мывэр Ӏуахащ. Уафэм дэплъейри, Хьисэ жиӀащ: – Си Адэ, си лъэӀур зэрызэхэпщӀыкӀам щхьэкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


А псалъэхэм я ужькӀэ, Хьисэ уафэм дэплъейри, жиӀащ: – Си Адэ, пӀалъэр къэсащ. Уи Къуэм и щӀыхьышхуэр цӀыхухэм егъэлъагъу, уи Къуэми уэ уи щӀыхьышхуэр цӀыхухэм яригъэлъагъун щхьэкӀэ.


Хьисэ щӀакхъуэхэр къищтэщ, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яритащ. ЩӀакхъуэр цӀыхухэм хуагуэшащ абыхэм, бдзэжьейхэм щыщуи щхьэж зыхуейм хуэдиз иратащ.


Абы хэту, Зиусхьэн Хьисэ Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀа нэужь, цӀыхухэм щӀакхъуэхэр щашха щӀыпӀэм и гъунэгъуу, Тивериадэ къалэм къикӀыу нэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэр къесылӀащ.


Паул апхуэдэу жиӀа нэужь, щӀакхъуэ къищтэщ, псоми я пащхьэм, Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀурэ, щӀакхъуэр щызэгуищӀыкӀри, ишхыу щӀидзащ.


Махуэ гуэр зыгъэлъапӀэм Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну а махуэр егъэлъапӀэ. ЗымыгъэлъапӀэми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну апхуэдэу ещӀ. Сыт ищӀысри зышхми Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀыну ешх, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ишхым щхьэкӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ. Мышхэр Зиусхьэным лъытэныгъэ хуищӀын щхьэкӀэщ щӀэмышхэр, абыи Тхьэм фӀыщӀэ хуещӀ.


Аращи, фышхэми, фефэми е нэгъуэщӀ гуэр фщӀэми, цӀыхухэм Тхьэм фӀыщӀэ хуевгъэщӀын щхьэкӀэщ щӀэфщӀэнур.


Зиусхьэн Хьисэ и цӀэкӀэ Тхьэуэ Адэ лъапӀэм фӀыщӀэ хуэфщӀурэ, сыт фщӀэми, сыт къыжыфӀэми, Хьисэ и цӀэкӀэ ар фщӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan