Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 6:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 – ЩӀыпӀэ гуэрым фыщрамыгъэблагъэмэ е къыщывэмыдаӀуэмэ, а щӀыпӀэм фыкъыщикӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэ зэращӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун папщӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэлъэщэщыж. Пэжыр нывжызоӀэ, къемэтмахуэм а къалэм гугъуехьу ишэчынум нэхърэ, къалэхэу Содомрэ Ӏаморэрэ яшэчыну гугъуехьыр нэхъ мащӀэу къыщӀэкӀынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 6:11
20 Iomraidhean Croise  

Сэ нывжызоӀэ, цӀыхухэм жаӀэ дэтхэнэ зы псалъэ купщӀэншэми щхьэкӀэ къемэтмахуэм деж Тхьэм жэуап иратыжын хуей хъунущ;


– Унэ гуэрым хьащӀэу феблагъэмэ, а щӀыпӀэм фыкъикӀыжыху, а унэм фис, – къыщӀигъужащ Хьисэ.


ЦӀыхухэм фрамыгъэблагъэмэ, я къалэм фыкъыщыдэкӀыжкӀэ, мыхъумыщӀагъэу ящӀамкӀэ абыхэм я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ, фи лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀа сабэр кӀэрывгъэщэщыж.


Ауэ журтхэр Паул пэувыжу щыхуэхъущӀэм, и щыгъынхэр абыхэм я пащхьэм щиутхыпщӀыжри яжриӀащ: – Къуаншэр фэращи, фи къуаншагъэм пэкӀуэр фи щхьэм лъресыж! Сэ сыкъабзэщ. Хамэ лъэпкъхэм я деж сыкӀуэнущ нобэ щыщӀэдзауэ.


А Ӏуэхур апхуэдэу зэрыщытыр нахуэ хъунущ сэ цӀыхухэм яхуэсӀуатэ хъыбарыфӀым теухуауэ. Ар нахуэ щыхъунур Хьисэ Мэссихь къыпкъырыкӀыу Тхьэм цӀыхухэм я гум илъ щэхухэм хьэкум щатрищӀыхьыну махуэрщ.


Уэ уи ерыщыгъэкӀи уигукӀэ уи гуэныхьхэм узэрахущӀемыгъуэжым щхьэкӀи Тхьэм и губжьымрэ и хьэкум захуэмрэ къыщылъэгъуэну махуэм деж Тхьэм губжьу къыптрилъхьэнум хыбогъахъуэ.


Содом, Ӏаморэ къалэхэр кӀуэдыну Тхьэм игъэкъуаншэри, сахуэ фӀэкӀ къэмынэу мафӀэкӀэ игъэсащ. Абыхэм къащыщӀамкӀэ Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм къащыщӀынур апхуэдэу къигъэлъэгъуащ.


Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум илъхэм я щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, Тхьэм ахэр къиным къызэрыхишыжыну щӀыкӀэр ещӀэ. Щыпкъагъэ зигу имылъхэми я бзаджагъэр яригъэпшыныжын щхьэкӀэ, къемэтмахуэм нэсыху къызэрихъумэну щӀыкӀэри ещӀэ абы,


Апхуэдэу иджырей уафэхэмрэ щӀылъэмрэ а псалъэ дыдэмкӀэ Тхьэм мафӀэр хухихащ. Тхьэм цӀыхухэм хьэкум ятрищӀыхьынурэ, езым и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъхэр щыкӀуэдыну къемэтмахуэм нэсыху ахэр къигъэнэнущ.


Къемэтмахуэм гушхуэныгъэ диӀэн щхьэкӀэ, Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ, Мэссихь зэрыщытым хуэдэу, дэри мы дунейм дыщыщытщи.


Апхуэдэу Содом, Ӏаморэ къалэхэм я цӀыхухэмрэ а къалэхэм я Ӏэшэлъашэхэм ит къалэхэм дэс цӀыхухэмрэ зинэри цӀыхухэм ямыщӀапхъэ емыкӀу Ӏуэхухэри ящӀэу щытащ. ЗэикӀ мыункӀыфӀыжын мафӀэм и гугъуехьышхуэр Тхьэм абыхэм яригъэшэчурэ, абыхэм я гъуэгу дримыкӀуэн щхьэкӀэ, ахэр щапхъэ къытхуищӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan