Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 5:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Хьисэ жыжьэу щилъагъум, жэри абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ а лӀыр.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 5:6
7 Iomraidhean Croise  

дунейм и цӀыхухэр уи гъуэгум нэӀуасэ хуэхъуну, гуащӀэ узэриӀэр цӀыху лъэпкъ псоми ящӀэну.


Уафэгур яуб я жьэкӀэ, бзэгу зэрахьэу, щӀым къыщакӀухь.


Жэщми махуэми кхъэлэгъунэхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ зэпымыууэ къызэхикӀухь зэпытт абы, мывэкӀэ зэуэжырт кӀийурэ.


МакъышхуэкӀэ джэри, жиӀащ: – Тхьэ нэхъ Лъагэм и Къуэ Хьисэ сыт уи Ӏуэхуу къысхэлъыр? Тхьэм и цӀэкӀэ сынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!


Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ.


А хъыджэбзым, Паулрэ дэрэ ди ужь имыкӀыу, ину псалъэурэ жиӀэрт: – Мы лӀыхэр Тхьэуэ Лъагэм и лӀыкӀуэщ. Тхьэм фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлын гъуэгур абыхэм къывжаӀэ.


Зы Тхьэм фӀэкӀ зэрыщымыӀэр уи фӀэщ мэхъу. Ар фӀыщ. Жин бзаджэхэми ар я фӀэщ мэхъу икӀи щошынэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan