5 Жэщми махуэми кхъэлэгъунэхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ зэпымыууэ къызэхикӀухь зэпытт абы, мывэкӀэ зэуэжырт кӀийурэ.
Абы Ӏэхъурэ лъэхъурэ куэдрэ иралъхьат, ауэ Ӏэхъур зэпичырт, лъэхъури зэпиудырт. Арати, а лӀыр игъэувыӀэн зыми хузэфӀэкӀыртэкъым.
Хьисэ жыжьэу щилъагъум, жэри абы и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ а лӀыр.
Фэ фи адэр шейтӀаныращ. Фи адэр зыхуейращ влэжьыну фызыхуейр. Япэм къыщыщӀэдзауэ ар цӀыхуукӀыу щытщ, щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми. Абы пцӀы щиупскӀэ, игу илъыр жеӀэ, ар пцӀыупсщ, пцӀыр къызыбгъэдэкӀыр аращи.