Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 5:42 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

42 Ар зэрыжиӀэу, хъыджэбз цӀыкӀур къызэфӀэувэри, къикӀухьу щӀидзащ. Хъыджэбз цӀыкӀур илъэс пщыкӀутӀым итт. Ар щалъагъум, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 5:42
7 Iomraidhean Croise  

ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.


– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – шынэурэ жаӀащ абыхэм.


Хъыджэбз цӀыкӀум и Ӏэр иубыдри, жриӀащ: – Талифэ кум! (Абы къикӀыр: «Си хъыджэбз, сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ!»)


Ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну, Хьисэ унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм. ИтӀанэ яжриӀащ хъыджэбз цӀыкӀур ягъэшхэну.


Кхъуафэжьейм яхэтӀысхьэри, жьапщэшхуэри увыӀэжащ итӀанэ. Абыхэм ар нэхьри ягъэщӀэгъуащ,


Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan