4 Абы Ӏэхъурэ лъэхъурэ куэдрэ иралъхьат, ауэ Ӏэхъур зэпичырт, лъэхъури зэпиудырт. Арати, а лӀыр игъэувыӀэн зыми хузэфӀэкӀыртэкъым.
Абыхэм яку мафӀэ къыщызэщӀэнэри, гуэныхьыщӀэхэр мафӀэ тхъуэбзащхъуэм хисхьащ.
А лӀыр кхъэлэгъунэхэм хэст. Ар гъущӀ ӀэхъулъэхъукӀэ зыми ипхын лъэкӀыртэкъым.
Жэщми махуэми кхъэлэгъунэхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ зэпымыууэ къызэхикӀухь зэпытт абы, мывэкӀэ зэуэжырт кӀийурэ.
Ар щӀыжиӀар а лӀыр зыӀыгъ жин бзаджэр хэкӀыжыну Хьисэ унафэ хуищӀати, аращ. Жин бзаджэхэм куэдрэ гугъу ирагъэхьат ар. ЦӀыхухэм а лӀым гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэри, яхъумэу яӀыгъат. АрщхьэкӀэ абы Ӏэхъулъэхъур зэпиудри, а лӀыр губгъуэ нэщӀым ирихуат жин бзаджэм.