12 Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Кхъуэхэм я деж дыгъакӀуи, абыхэм я пкъыхэм дахыгъыхьэ.
Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.
– Фэ фигукӀэ вгъэлъапӀэ Ӏуэхугъуэхэр хьэхэм евмыт. Налкъутналмэсхэр кхъуэхэм я пащхьэм щивмыкъухь. Апхуэдэу фщӀымэ, абыхэм ахэр яутэнущ, къагъэзэжынурэ, фэри фызэпкъратхъынущ.
А щӀыпӀэ дыдэм кхъуэ хъушэшхуэ Ӏуащхьэ джабэм щыхъуакӀуэрт.
Хьисэ ахэр хуит ищӀащ. Жин бзаджэхэр лӀым хэкӀыжри, кхъуэхэм я пкъыхэм хыхьащ. Кхъуэ хъушэшхуэр Ӏуащхьэ джабэм къежэхщ, гуэлым хэлъадэри, псым итхьэлащ. Хъушэр кхъуэ минитӀ хуэдиз хъурт.
шейтӀаным дыкъимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэщэр дымыщӀэу дыщыткъым.
ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.