41 – Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – шынэурэ жаӀащ абыхэм.
Сыту жыпӀэмэ дэ уи губжьым дегъэкӀуэд, уи губжь лъэщым дегъэшынэ.
Арати, кхъуафэжьейм исхэм тӀури яхэтӀысхьэжащ, жьапщэри увыӀэжащ.
– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – жаӀащ цӀыхухэм, ягъэщӀагъуэу.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щхьэ фышынэрэ апхуэдизу? ФӀэщхъуныгъэ фимыӀэу ара иджыри?
Галилей гуэлым и адрыщӀым щыӀэ хэкуу Гадарэ къалэм зэрытым нэсащ итӀанэ.
ЦӀыхубзым къыщыщӀар ищӀэжырти, къэщтарэ кӀэзызу къыбгъэдыхьэщ, Хьисэ и лъабжьэм зыщӀидзэри, пэжыгъэ псори хуиӀуэтэжащ.
Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.
ЦӀыху псоми ар хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, зыр адрейм еупщӀырт: – Ар сыт! ГъэщӀэгъуэн! Тепщэныгъэшхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэу, жин бзаджэхэм унафэ яхуищӀурэ, цӀыхухэм яхеху.
Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.
Аращи, зыми имыгъэхъеифыну тепщэныгъэр Тхьэм къызэрыдитым щхьэкӀэ фӀыщӀэ хуэдвгъэщӀ. ДгъэлъапӀэу, фӀэлӀыкӀ худиӀэу, и гум дрихьу дыхуэвгъэлажьэ,
Уэ, Зиусхьэн, къыпщымышынэ цӀыхуи щӀыхьышхуэ къыпхуэзымыщӀ цӀыхуи щыӀэкъым. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ лъапӀэ закъуэу щыӀэр уэращ. ЩыпкъагъэкӀэ хьэкум зэрыпщӀэр нахуэ зэрыхъуам щхьэкӀэ, лъэпкъ псори уи пащхьэм ихьэнурэ уагъэлъэпӀэнущ».