Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 4:40 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

40 Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щхьэ фышынэрэ апхуэдизу? ФӀэщхъуныгъэ фимыӀэу ара иджыри?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 4:40
10 Iomraidhean Croise  

Абыхэм яжриӀащ итӀанэ: – Фи фӀэщхъуныгъэр дэнэ щыӀэ? – Хэт мыр? Жьыми псыми унафэ яхуещӀри, егъэдаӀуэ, – шынэрэ ягъэщӀагъуэу зэупщӀэжащ ахэр.


– Сыт апхуэдизу фыщӀэшынэр фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэр? – яжриӀащ абыхэм Хьисэ. ИтӀанэ къызэфӀэувэщ, борэнышхуэми псыми егийри, дунейр щым дыдэ хъужащ.


Петр ар щыжиӀэм, Хьисэ и Ӏэр хуишийщ, ар иубыдри жриӀащ: – Уэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэ, дзыхь щхьэ къысхуумыщӀырэ?


Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ жиӀащ: – ФӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ, щӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт?


Губгъуэм нобэ щыгъагъэу пщэдей хьэкум ирадзэжыну удзыр Тхьэм апхуэдизу егъэлеяуэ щигъэщӀэращӀэкӀэ, абы нэхърэ куэдкӀэ нэхъыбэкӀэ фэ фигъэщӀэрэщӀэнукъэ фэ, фӀэщхъуныгъэ зимащӀэхэр?


– Хэт мы жьыри псыри зыгъэдаӀуэр? – шынэурэ жаӀащ абыхэм.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan