Марк 4:34 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр34 Ущие хъыбар хэмыту, абыхэм епсалъэртэкъым Хьисэ. Ауэ и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къыщынэкӀэ, псори къагуригъаӀуэрт. Faic an caibideil |
Махуэ гуэр хахри, Паул зыщӀэс унэм цӀыху гупышхуэ къэкӀуащ. Пщэдджыжьым щыщӀэдзауэ пщыхьэщхьэ хъуху, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм* теухуа хъыбарыр ягуригъаӀуэурэ, Паул а тепщэныгъэшхуэм щыхьэт хуэхъуащ. Мусэ бегъымбарым и Торэт хабзэм итхэмрэ бегъымбархэм я тхылъхэм итхэмрэ ящыщ къеджэурэ, Паул Хьисэ теухуауэ жиӀэхэр я фӀэщ ищӀыным хэтт.