Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 4:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр мыращ, – къыщӀигъужащ Хьисэ. – ЛӀы гуэрым жылэ есэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 4:26
24 Iomraidhean Croise  

– Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, ауэ адрей цӀыхухэм къаритакъым, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Хьисэ нэгъуэщӀ ущие хъыбари яхуиӀуэтащ абыхэм: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хьэсэм жылэфӀ хэзысарщ.


Ущие хъыбаркӀэ цӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд яжриӀащ Хьисэ итӀанэ: – ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ.


Абыхэм нэгъуэщӀ ущие хъыбари къахуиӀуэтащ Хьисэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр хъардэл хьэдзэрщ. Ар лӀы гуэрым къищтэри, и хьэсэм щыхисащ.


НэгъуэщӀ ущие хъыбар яхуиӀуэтащ итӀанэ: – Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр пщагъэрщ. ЦӀыхубз гуэрым ар къищтэщ, ӀэнлъищкӀэ хупцӀынэ ипщэри, хупцӀынэ псори игъэтэджащ.


умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.


Ар хэти ирехъу, зиӀэм нэхъыбэ къритынущ Тхьэм, ауэ зимыӀэм иӀэ тӀэкӀури Ӏихыжынущ абы.


Жэщым мэжей, махуэм къоуш, жылэр къокӀ, хохъуэ, ауэ ар зэрыхъур а лӀым ищӀэркъым.


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр зыхуэдэр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Ар сытым езгъэщхьын?


– Ущие хъыбарым къикӀыр мыращ: Жылэр Тхьэм и псалъэрщ.


– Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ. Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. ЦӀыхухэм ар лъэгукӀэ хаутэри, къуалэбзухэм ящыпащ.


– Пэж дыдэр нывжызоӀэ, гуэдз хьэдзэр щӀым хэхуэурэ мылӀэмэ, зэрыхьэдзэу къонэж, ауэ щӀым хэхуэурэ лӀэмэ, щӀым къыхэбэгъукӀынущ.


ЗэкӀужыныгъэм хэтхэращ щыпкъагъэ къызыхэкӀ жылапхъэр гузэгъэгъуэкӀэ цӀыхухэм я гум изылъхьэр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan