21 Хьисэ абыхэм яжриӀащ и ужькӀэ: – Уэздыгъэр къыщӀахьыр пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀагъэувэн щхьэкӀэкъым, атӀэ уэздыгъэ тегъэувапӀэ лъагэм трагъэувэн щхьэкӀэкъэ?
Уэздыгъэ пигъанэмэ, ар пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ. Унэм щӀэс псоми я деж нэхур нос итӀанэ.
– Уэздыгъэ пигъанэу, ар плӀанэпэ пхыдза гуэрым дигъэувэркъым зыми, е пэгун щӀагъым щӀигъэувэркъым, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм и уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.
– Уэздыгъэ пигъанэу, пэгун щӀагъым е гъуэлъыпӀэ щӀагъым щӀигъэувэркъым зыми, атӀэ унэм къыщӀыхьэхэм уэздыгъэ нэхур ялъагъун щхьэкӀэ, ар тегъэувапӀэ лъагэм трегъэувэ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм дэтхэнэ зыми зэхуэмыдэу закърегъэлъагъу, и фӀагъ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псоми яригъэкӀын щхьэкӀэ.