Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 4:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 – Адрей цӀыху гупыр щӀы мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, щыгуфӀыкӀыурэ ящтэ абыхэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 4:16
14 Iomraidhean Croise  

ЩӀыр къызэмэщӀэкӀ мывалъэм хэлъэлъащ жылэм щыщ. ЩӀыр куутэкъыми, щӀэх дыдэ къыхэжащ жылэр,


ЦӀыхухэм ящыщу зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, шейтӀаныр къокӀуэри, я гум илъ хъуа псалъэр ирехыж.


Ауэ абыхэм ягукӀэ лъабжьэ зэрамыӀэм щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Тхьэм и псалъэхэм щхьэкӀэ е гузэвэгъуэ зэрыхэхуэу, е цӀыхухэм абыхэм гугъуехь ирагъэшэчу зэрыщӀадзэу, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум токӀыж ахэр.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху лъапӀэу зэрыщытыр Ирод ищӀэрти, абы щышынэрт икӀи хуэсакъырт. Иуан жиӀэхэм щедаӀуэкӀэ, хуабжьу гузавэрт, итӀани и гуапэу едаӀуэрт.


Адрей цӀыху гупыр мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу а псалъэхэр щыгуфӀыкӀыурэ зыщтэр, ауэ абыхэм лъабжьэ яӀэкъым. ФӀэщхъуныгъэм и гъуэгу куэдрэ теткъым. Я фӀэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр гъэунэхуа щыхъукӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу токӀыж.


Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.


– Мэссихь и гъуэгу апхуэдэу псынщӀэу сытебгъэхьэфыну къыпфӀэщӀрэ? – къыжриӀащ Агриппэ Паул.


Езы Симони ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэ хъущ, зригъэумэхъри, Филипп и ужь ит хъуащ. Филипп къигъэлъэгъуа нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэри илэжьа Ӏуэху телъыджэхэри щилъагъукӀэ, Симон игъэщӀагъуэрт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan