Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 4:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 ЦӀыхухэм ящыщу зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Абыхэм Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, шейтӀаныр къокӀуэри, я гум илъ хъуа псалъэр ирехыж.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 4:15
28 Iomraidhean Croise  

ЛутӀ щӀэкӀри, епсэлъащ хуэхъуну малъхъэхэм, яжриӀащ абыхэм: – Фытэдж, фыдэкӀ мы къалэм! Зиусхьэным ар игъэкӀуэдынущ. Ауэ абы и малъхъэхэм къафӀэщӀащ ар гушыӀэу.


Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и хъыбарыр зыгуэрым зэхихрэ, ар къыгурымыӀуэмэ, шейтӀаныр къокӀуэри, а цӀыхум игу илъ жылэфӀыр ирехыж. Мыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ.


– Ауэ абыхэм унэӀутхэм нэмыплъ къратри, зыр и хьэсэм кӀуащ, адрейр и сату и ужь ихьэжащ.


– Си ужь икӀ, шейтӀан! – жриӀащ абы Хьисэ. – Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: «Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапӀэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ».


Жылэ зысэм Тхьэм и псалъэхэр есэ.


– Адрей цӀыху гупыр щӀы мывалъэм хэлъэлъа жылэм хуэдэщ. Тхьэм и псалъэхэр зэрызэхахыу, щыгуфӀыкӀыурэ ящтэ абыхэм.


Здисэм, жылэм щыщ гъуэгум телъэлъащ. Къуалэбзухэр къэлъатэри, ар ящыпащ.


ЦӀыхухэм ящыщ зы гупыр гъуэгум телъэлъа жылэм хуэдэщ. Ахэрщ Тхьэм и псалъэхэр зэхэзыххэр, ауэ шейтӀаныр къакӀуэм, абыхэм фӀэщхъуныгъэ яримыгъэгъуэтурэ, а псалъэхэр я гум ирехыж, Тхьэм ахэр къримыгъэлын щхьэкӀэ.


ЛӀахэр къызэрытэджыжынум и хъыбарыр Паул жиӀэу щызэхахым, языныкъуэхэр Паул щыдыхьэшхащ, языныкъуэхэм жаӀащ: – Уэ мы жыпӀа хъыбарым дедэӀуэну дыхуейщ дяпэкӀи.


Ананий, – жиӀащ Петр, – Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм пцӀы хуэбупсынуи, щӀым и уасэм щыщ уи щхьэм хухэпхынуи шейтӀаным уи гум кърилъхьэнкӀэ дауэ хъуа?


шейтӀаным дыкъимыгъэпцӀэн щхьэкӀэ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ар зэщэр дымыщӀэу дыщыткъым.


Бзаджагъэм и цӀыхур къыщыкӀуэкӀэ, шейтӀаным и лъэкӀыныгъэ иӀэу къэкӀуэнущ. ЛъэкӀыныгъэ Ӏуэхушхуэ нэпцӀ псори, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ нэпцӀхэри, Ӏуэху телъыджэ нэпцӀхэри цӀыхухэм яригъэлъагъунущ.


Фэ фщыщу зыри зинэ зыщӀэ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу, е Эсау хуэдэу Тхьэм и фӀэлӀыкӀ зи гум имылъ цӀыхухэм ящыщ иремыхъу. Эсау къуэ нэхъыжьым иӀэу щыта хуитыныгъэхэр шхыныгъуэ закъуэм щхьэкӀэ ищэжащ.


Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкӀкӀэ, Тхьэм и гъуэгум дытемыкӀын щхьэкӀэ, зэхэтха псалъэхэм куэду ди нэӀэ ятедгъэтын хуейщ.


ЗыфшыӀэ икӀи фымыжейуэ фысакъ. Фи бий шейтӀаным, зыӀуригъэлъэдэн лъыхъуэурэ, къеущыхь аслъэн гъуахъуэм хуэдэу.


Благъуэжь абрагъуэр щӀылъэм кърадзыхащ – иблису икӀи шейтӀану жыхуаӀэ блэжьу щӀылъэм тет цӀыху псори дэзыщэхыр аращ. Ари абы и мелыӀычхэри щӀылъэм кърадзыхащ.


Ахэр зыгъэпцӀа шейтӀаныр мафӀэмрэ тхъуэбзащхъуэмкӀэ ис хым хадзащ. А хым хьэщхьэвылъэри бегъымбар нэпцӀри хадзэгъащ. А хым жэщи махуи гугъуехьышхуэ щашэчынущ абыхэм игъащӀэкӀэ.


А илъэс миныр дэкӀа нэужь, шейтӀаныр лъэхъуэщым къыщӀагъэкӀыжынущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan