Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 4:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ адрей цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ Ӏуэхугъуэ псори ялъоӀэс.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 4:11
20 Iomraidhean Croise  

И псалъэм къыпищэу, Хьисэ жиӀащ итӀанэ: – Си Адэ, уафэмрэ щӀылъэмрэ я Зиусхьэн. Мы Ӏуэхухэр цӀыху губзыгъэхэмрэ цӀыху Ӏущхэмрэ ящыбгъэпщкӀуурэ, сабийхэм зэребгъэщӀамкӀэ фӀыщӀэ пхузощӀ.


– Ауэ фэ фи нэхэми фи тхьэкӀумэхэми я насыпщ, абыхэм икӀи ялъагъу, икӀи зэхах.


– Гъуэгу махуэ утеуващ, уэ Инус и къуэ Симон, – жриӀащ Хьисэ абы. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ мыр зэхозыгъэщӀыкӀар цӀыхуракъым, атӀэ си Адэу уафэм щыӀэр арщ.


Арати, Хьисэ ахэр къриджэри, ущие хъыбархэмкӀэ яжриӀащ: – ШейтӀаным дауэ шейтӀаныр цӀыху гуэрым зэрыхихужыфынур?


ЦӀыхухэр зэбгрыкӀыжу, Хьисэ и закъуэу къыщынэм, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀымрэ и гъусэхэмрэ ущие хъыбархэм я мыхьэнэм теухуауэ къеупщӀащ.


ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд ущие хъыбырхэмкӀэ яригъащӀэрт Хьисэ. Ахэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ цӀыхухэм:


– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ фэ, – жиӀащ Хьисэ, – ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ сопсалъэ. Аращи, «еплъ пэтми, абыхэм ялъагъунукъым, даӀуэ пэтми, къагурыӀуэнукъым».


Адрей цӀыхухэм нэхърэ унэхъ ину хэт узылъытэр? Тхьэм къыуимытауэ сыт уиӀэр? Уэ уиӀэр къозытар Тхьэращи, сыт узыщӀыщытхъужыр, Тхьэм ар къыуимыта хуэдэ?


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ «КӀыфӀыгъэм нэху къыхрекӀ», жызыӀа Тхьэм и нэхур ди гум къридзащ. А нэхум Тхьэм и щӀыхьышхуэу Мэссихь и нэгум къищыр зыхуэдэр дегъащӀэ.


Тхьэм и мурад щэхуу Мэссихь иригъэгъэзэщӀэну иухар игъуэу зэрилъытам тету дэ къыдгуригъэӀуащ.


Игъуэр блэвмыгъэкӀыу, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм акъылыфӀагъэкӀэ фахущыт.


Апхуэдэу щыхъукӀэ, фэ къыфщымыщ цӀыхухэм я пащхьэм хабзэм тету фыщыпсэунущ, щыщӀагъэ гуэри фиӀэнукъым.


ЦӀыхухэр ӀейкӀэ къытемыпсэлъыхьын икӀи шейтӀаным и хъым имыхуэн щхьэкӀэ, члисэ зэхуэсым щымыщхэри фӀыуэ щыхьэт зыхуэхъу цӀыхуу щытын хуейщ ар.


Тхьэм и Къуэр къакӀуэу, Тхьэ пэжыр тщӀэну зэхэщӀыкӀ къызэрыдитари дощӀэ. Щыпкъагъэр Зигу Илъыр ди псэм щыщщ – Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьыр арщ. Ар Тхьэ щыпкъэу щытщ икӀи цӀыхухэм мыкӀуэдыжын гъащӀэ езытыр аращ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan