10 ЦӀыхухэр зэбгрыкӀыжу, Хьисэ и закъуэу къыщынэм, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀымрэ и гъусэхэмрэ ущие хъыбархэм я мыхьэнэм теухуауэ къеупщӀащ.
Ущие хъыбаркӀэ цӀыхухэм Ӏуэхугъуэ куэд яжриӀащ Хьисэ итӀанэ: – ФыкъэдаӀуэ. Жылэ исэну лӀы гуэр дэкӀащ.
Хьисэ зыхэт цӀыху гупышхуэхэм къахэкӀри, зыщӀэса унэм щӀыхьэжащ абы и ужькӀэ. И гъуэгу ирикӀуэхэр къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къеупщӀащ: – Хьэсэм къыхэкӀа удз ежьужьым теухуа ущие хъыбарым къикӀыр къыдгурыгъаӀуэ.
– Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и щэхухэр фщӀэну абы хуитыныгъэ къывитащ, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ адрей цӀыхухэм ущие хъыбархэмкӀэ Ӏуэхугъуэ псори ялъоӀэс.
Ущие хъыбар хэмыту, абыхэм епсалъэртэкъым Хьисэ. Ауэ и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къыщынэкӀэ, псори къагуригъаӀуэрт.
Хьисэ жиӀам мыри щӀигъужащ: – ИридэӀуэну тхьэкӀумэ зиӀэр иредаӀуэ.
Хьисэ цӀыхубэм хэкӀыжу, унэм щыщӀыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а ущие хъыбарым теухуауэ къеупщӀащ.