9 Арати, цӀыху гупышхуэр къытемызэрыгуэн щхьэкӀэ, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ зы кхъуафэжьей хьэзыр езым щхьэкӀэ гуэл Ӏуфэм щаӀыгъыну.
Хьисэ цӀыху гупышхуэр иутӀыпщыжа нэужь, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, Магадан хэкум кӀуащ итӀанэ.
Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм псы Ӏуфэм щаригъащӀэу щӀидзащ аргуэру. Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, псым тет кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыхухэр, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, псы Ӏуфэм Ӏутт.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр цӀыхухэм къахэкӀщ, ар зэрыс кхъуафэжьейм итӀысхьэри дежьащ. НэгъуэщӀ кхъуафэжьейхэри ящӀыгъут.
Хьисэ кхъуафэжьейм къызэрикӀыу, жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр кхъэлэгъунэхэм я лъэныкъуэкӀэ къикӀри, къыпежьащ.
Къару зэрыхэкӀар Хьисэ игукӀэ занщӀэу зыхищӀащ. ЦӀыху гупышхуэм здахэтым, зыкъригъэзэкӀри яжриӀащ: – Хэт си щыгъыным къеӀусар?
Арати, кхъуафэжьейм итӀысхьэри, щӀыпӀэ пхыдза гуэрымкӀэ яунэтӀащ я закъуэу.
Зэгуэрым, Геннисарет гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту, Тхьэм и псалъэхэм едэӀуэн щхьэкӀэ, цӀыху гупышхуэ зэхуэсри, Хьисэ къыжьэхэзэрыхьащ.
А кхъуафэжьейхэм языхэзым, Симон ейм, итӀысхьэри, Ӏуфэм тӀэкӀу ӀукӀуэтыну Хьисэ Симон елъэӀуащ. ИтӀанэ кхъуафэжьейм ису, Тхьэм и псалъэхэр цӀыху гупышхуэм яригъащӀэу щӀидзащ.
Ауэ цӀыхухэр къакӀуэу, езыр яубыду, лӀыгъэкӀэ пащтыхь ящӀыну ягу зэрилъыр ищӀэрти, ӀукӀыжри, Ӏуащхьэм и закъуэу дэкӀуеижащ Хьисэ.