Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 3:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Абы илэжьа Ӏуэху псори зэхахати, Иудей хэкуми, Ерусалими, Идумей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ хэкуми, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я лъэныкъуэкӀи цӀыху куэд къикӀри, Хьисэ деж къэкӀуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 3:8
18 Iomraidhean Croise  

ЛъэкӀыныгъэ псори зиӀэ Тхьэр ди гъусэщ, ди адэжьу Екъуб и Тхьэрщ щхьэегъэзыпӀэу диӀэр.


Сыту жыпӀэмэ гугъуехьхэм си псэр зэлъаубыдащ, си гъащӀэри хьэдрыхэ пэблагъэ хъуащ.


– Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Хоразин къалэ! – жиӀащ абы. – Гъуэгу мыгъуэ утеуващ, Вифсайдэ къалэ! Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж щызлэжьа Ӏуэху телъыджэхэр къалэхэу Тиррэ Сидонрэ щызлэжьатэмэ, щыгъуэ щыгъын куэд щӀауэ ящыгърэ я нэкӀухэр фӀамыщӀкӀэ зэщӀэцӀэлауэ я гуэныхьхэм яхущӀегъуэжынт.


Галилей хэкуми, КъалипщӀ зи цӀэ хэкуми, Ерусалими, Иудей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыщхэри Хьисэ и ужь гупышхуэу иуващ.


А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.


Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм къикӀщ, КъалипщӀ зи цӀэ хэкум къыкӀуэцӀрыкӀри, Галилей гуэлым къекӀуэлӀэжащ абы и ужькӀэ.


Абыхэм я гъусэу Ӏуащхьэм къехыжри, Хьисэ сэтейм къыщыувыӀащ. И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу гупышхуэ абдежым щытт. Абыхэм нэмыщӀуи, цӀыху гупышхуэ Иудей хэку псоми, Ерусалими, къалэхэу Тиррэ Сидонрэ зыӀут хы Ӏуфэхэми къикӀыурэ абдежым къыщызэхуэсащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan