Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 3:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, абыхэмрэ пащтыхь Ирод и лъэужь ирикӀуэхэмрэ Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀри, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ асыхьэтым зэчэнджэщащ фарисейхэр абы щыгъуэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 3:6
10 Iomraidhean Croise  

Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.


Арати, фарисейхэм я гъуэгу ирикӀуэхэр Хьисэ деж ягъэкӀуащ, Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэр я гъусэу. Абыхэм жаӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыхуу узэрыщытми, щыпкъагъэм тету Тхьэм и гъуэгур цӀыхухэм зэребгъащӀэм дыщыгъуазэщ. ЦӀыхухэм жаӀэм зыкӀи уигъэгузавэркъым, цӀыхухэм я фэм уемыплъу, цӀыху псори уи зэхуэдэщи.


Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэхэмрэ Хьисэ псалъэ гуэрым траубыдэн щхьэкӀэ, фарисейхэм ящыщи Ирод пащтыхьым и лъэужь ирикӀуэхэм ящыщи Хьисэ деж ягъэкӀуащ абы и ужькӀэ.


Хьисэ абыхэм быдэу яжриӀащ: – Фысакъ! Фарисейхэм я пщагъэмрэ Ирод пащтыхьым и пщагъэмрэ защыфхъумэ.


Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ, цӀыхухэм щабзыщӀурэ, Хьисэ зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысырт, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ахэр цӀыхухэм ящышынэрт.


Ауэ ахэр хуабжьу губжьауэ, Хьисэ мыхъумыщӀагъэу иращӀэнумкӀэ зэчэнджэщащ.


Арати, Хьисэ яукӀыну траубыдащ а махуэм щыщӀэдзауэ.


Ди адэшхуэу Даут и жьэкӀэ уэ укъыдэпсэлъат. Ар уэ уи ӀурыщӀэ щытащ, уи Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи мы псалъэхэр абы жебгъэӀащ: «Хамэ лъэпкъхэр сыт щӀэгубжьыр? ЦӀыхухэми пщӀэ зимыӀэ мурадхэр сыт щӀаӀэр?


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan