5 Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.
Арати, хущӀегъуэжащ Зиусхьэныр щӀылъэм цӀыхур къызэрыщигъэщӀам, икӀи и гум щӀыхьэжащ ар.
ЯжефӀэ цӀыху лъэпкъхэм: «Тепщэныгъэр иӀыгъщ Зиусхьэным!» Абы папщӀэ быдэу игъэуващ дунеишхуэр, къэскӀэнкъым ар. ЦӀыху лъэпкъхэм я Ӏуэхухэр щыпкъагъэкӀэ зэхихунщ Абы.
Хьисэ а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Уи Ӏэр къэший! ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.
Фарисейхэм яжриӀащ итӀанэ: – Щэбэт махуэм фӀы пщӀэныра, хьэмэрэ Ӏей пщӀэныра хабзэм къезэгъыр, псэр мыкӀуэду къебгъэлыныра, хьэмэрэ бгъэкӀуэдыныра хабзэр? Фарисейхэм заущэхужащ.
– Фэ, бзитӀщхьитӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным а пашэм. – Зи выр е зи шыдыр къыкӀэритӀэтыкӀыу щэбэт махуэми псы езымыгъафэ къыфхэт?
Ахэр щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – ФыкӀуи, дин пашэхэм закъевгъэлъагъу. Ахэр гъуэгум здрикӀуэм, къабзэ хъуурэ, я узыр якӀэрыхужащ.
Псоми яхэплъэри, а лӀым жриӀащ итӀанэ: – Уи Ӏэр къэший! ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.
Нэфым жриӀащ итӀанэ: – Силоам псыхъурей зыгъэпскӀыпӀэм кӀуэи, абы зыщытхьэщӀ. – (Силоамым къикӀыр «ЯгъэкӀуар» жиӀэу арщ.) Нэфыр кӀуащ, зитхьэщӀыжри, и нэр къэплъэжауэ къэкӀуэжащ.
Си къуэшхэ, Ӏущыщэу зыкъыфщымыхъужын щхьэкӀэ, мы щэхур фымыщӀэну сыхуейкъым: Хамэ лъэпкъхэм ящыщу Тхьэм и гъуэгу техьэнухэм я бжыгъэр ирикъуху, израил лъэпкъым щыщ гупыр ерыщ ищӀащ Тхьэм.
Я акъылхэр ункӀыфӀащ абыхэм. Нобэр къыздэсым пасэрей зэгурыӀуэныгъэм и тхылъхэм щеджэкӀэ, абыхэм я акъылхэм тепхъуэ тепхъуауэ къонэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь закъуэрщ а тепхъуэр тезыхыжын зылъэкӀыр.
Я зэхэщӀыкӀ кӀыфӀщ, я ерыщыгъэм къыхэкӀкӀи зыри къагурымыӀэу, Тхьэм цӀыхухэм къарит гъащӀэм пэжыжьэщ ахэр.
Фыгубжьми, гуэныхь зыхэлъ фымыщӀэ. Фыгубжьауэ, жэщ зытевмыгъахъуэ.
Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и гур хэвмыгъэщӀ. Тхьэм фи щхьэхэр щищэхужыну махуэм нэсыху, езым и Псэ ЛъапӀэр, мыхъурым хуэдэу, фи гум кърилъхьащ.
Абы щхьэкӀэ а цӀыхухэм сахуэгубжьри, мыпхуэдэу жысӀащ: „Ахэр ягукӀэ зэпымыууэ мэгъуащэ, си гъуэгухэр зыхуэдэри ящӀэркъым“.
Тхьэр илъэс плӀыщӀкӀэ зыхуэгубжьауэ щытар хэт? Гуэныхь зыщӀауэ, зипкъхэр губгъуэ нэщӀым къинэжахэракъэ?
И Ӏуэхур щригъэкъум, езым къедаӀуэ цӀыху псори игъащӀэкӀэ мыкӀуэдыну къезыгъэлыр аращ,
Абыхэм бгыхэмрэ къыр дзакӀэхэмрэ жраӀащ: «ЗыкъыттефӀуби, тахътэм тесым девмыгъэлъагъу, Щынэм и губжьми дыщыфхъумэ.