25 Абы ещхьу, зы унэри лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.
Абдеж къащӀащ зэш псоми нэхърэ ар нэхъыфӀу я адэм зэрилъагъур; ялъагъу мыхъуи хъуащ ар, ахэр абы дахэуи епсэлъэжыфыртэкъым.
Зиусхьэным и ӀурыщӀэу, жэщым Абы и унэшхуэм щӀэт псори, фынакӀуэ, Зиусхьэным щӀыхь хуэдвгъэщӀ иджы!
Зы къэралыр лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, ар щыӀэжын лъэкӀынукъым.
ШейтӀанри къэтэджу, езым и щхьэ пэувыжрэ, лъэныкъуитӀ зэрыгъэхъумэ, абы кӀэ иӀэщ, и кӀуэдыжыгъуэри къэсащ.
Ауэ зэпымыууэ фызэдзэгъуу икӀи фызэрышхыу щытмэ, зыр зым зэримыгъэкӀуэдыным фыхуэсакъ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фыгъуэрэ зэщыхьэныгъэрэ здэщыӀэм Ӏуэхухэр щызэӀохьэ, дэтхэнэ зы мыхъумыщӀагъэри щобагъуэ.