22 Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм Хьисэ теухуауэ жаӀэрт: – Велзевул иӀыгъщ ар икӀи жин бзаджэхэм я пашэ а Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
Апхуэдэу уи фӀыгъэ, уи нэфӀ, махуэ дапщэ сэ къэзгъэщӀэнуми, сыщыщӀэнкъым, Зиусхьэным и унэм игъащӀэкӀэ сыщыпсэунщ.
ЕджакӀуэр езыгъаджэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ, унэӀутри и тепщэм хуэдэ хъумэ, ар хурикъунущ. Унэр зейм ВелзевулкӀэ щеджэкӀэ, унагъуэм исхэми абы нэхъри нэхъ Ӏеиж хужаӀэнкъэ?
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан къэкӀуащ. Ар нэщӀ исщ, фади ефэркъым. «Ар жин бзаджэм иӀыгъщ», хужаӀэ абы.
Фарисейхэм, ар щызэхахым, мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ жин бзаджэхэр цӀыхухэм абы зэрахихур.
Ерусалим къикӀа фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ деж къакӀуэри, къеупщӀащ:
Ауэ фарисейхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэм и къарукӀэщ мы лӀым жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.
Фарисейхэри Ерусалим къикӀа торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщхэри Хьисэ деж къыщызэхуэсащ.
Ауэ абыхэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ Велзевул и къарукӀэщ Хьисэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм зэрахихур.
Хьисэ цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэрт махуэ гуэрым. Галилей, Иудей хэкухэм щыщ жылагъуэ псоми, Ерусалими къикӀа фарисейхэри торэт егъэджакӀуэ пашэхэри Хьисэ къедаӀуэ цӀыхухэм яхэст. Сымаджэхэр игъэхъужыну Зиусхьэным и къарур хэлът Хьисэ.
И унэшхуэр Тхьэм къызэрыратыжыгъам щхьэкӀэ Ерусалим щагъэлъапӀэ мэхуэшхуэхэр къэсащ. ЩӀымахуэт.
– Жин бзаджэм уиӀыгъщ уэ, – къыжраӀащ цӀыхухэм. – Хэт узукӀыну уи ужь итыр?
– Самарие цӀыхухэм уащыщщ, жин бзаджэм уиӀыгъщ жыдоӀэ. ЖытӀэр пэжкъэ? – къыжраӀащ журтхэм Хьисэ.
Хьисэ ар щыжиӀэм, журтхэм къыпадзыжащ: – Жин бзаджэм узэриӀыгъыр къэтщӀащ иджы. Ибрэхьим лӀащ, бегъымбархэри лӀащ, ауэ уэ «Сэ жысӀэхэр зыгъэзащӀэр игъащӀэкӀэ лӀэжынукъым», жыбоӀэ.