2 Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ.
Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр щӀэтт абы. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ, къеупщӀащ: – Сымаджэр щэбэт махуэм бгъэхъужыныр хабзэм къезэгърэ, хьэмэ къемызэгърэ?
Хьисэ зи Ӏэ гъуа лӀым жриӀащ: – Къэтэджи, мы утыкум къиувэ.
Фарисей пашэхэм ящыщ гуэрым и унэм щышхэну щэбэт махуэ гуэрым Хьисэ щригъэблэгъам, цӀыхухэр Хьисэ кӀэлъыплъырт.
Арати, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ Хьисэ кӀэлъызеплъэ зэпытт, икӀи ӀулъхьэкӀэ ящэхуауэ, щыпкъагъэ ягу илъ хуэдэу фэ зытезыгъауэ цӀыху фэрыщӀ гуп хуагъэкӀуащ абы. Хэкум ипщу тепщэныгъэ зиӀэм ӀэщӀагъэхуэн щхьэкӀэ, Хьисэ псалъэ гуэркӀэ къаубыдэну гугъэрт.
Щэбэт махуэм Хьисэ а лӀыр игъэхъужынрэ имыгъэхъужынрэ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ гуэр къагъуэтын щхьэкӀэ.
Ар щӀыжаӀар Хьисэ щагъауэу, ар зэрагъэкъуэншэн гуэр къагъуэтыну арат. Хьисэ зригъэзыхри, и ӀэпхъуамбэмкӀэ щӀым зыгуэр тритхэу щӀидзащ.
– Мы лӀыр Тхьэм къыбгъэдэкӀакъым, – жаӀащ фарисейхэм ящыщхэм, – сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щэбэт махуэр игъэлъапӀэркъым. – Гуэныхь зыщӀэ лӀы гуэрым мыпхуэдэ нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр хузэфӀэкӀыну? – жаӀащ зыкъомым. Арати ахэр гуп-гуп зэрыгъэхъуащ.