Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 3:19 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

19 Иудэ Искариот. А Иудэращ Хьисэ къепцӀыжу тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 3:19
13 Iomraidhean Croise  

Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Иудэ Искариот; а Иудэращ Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдар.


Хьисэ и псалъэр имыухауэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщу Иудэу Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыну хэтыр къэкӀуащ. Джатэхэмрэ бжэгъухэмрэ яӀыгъыу, цӀыху гупышхуэ щӀыгъут абы. Дин пашэшхуэхэмрэ цӀыхухэм я нэхъыжьхэмрэщ ахэр къэзыгъэкӀуар.


Индрис, Филипп, Варфоломей, Маттэ, Фомэ, Алфей и къуэ Екъуб, Фаддей, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар,


Хьисэ унэм кӀуэжащ итӀанэ. Езымрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуэ имыхуэурэ, цӀыху гупышхуэ къызэхуэсащ аргуэру.


Хьисэ Капернаум къалэм къэкӀуэжащ. Унэм щӀыхьэжа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Гъуэгум фыщытетым, сыт фэ фызытепсэлъыхьар?


Пщыхьэщхьэшхэ шхэрт. ШейтӀаным Симон Искариот и къуэ Иудэм игу ирилъхьакӀэт Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну.


ФӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэр къыфхэтщ итӀани. Хьисэ апхуэдэу щӀыжиӀар абыхэм ящыщу фӀэщхъуныгъэ зимыӀэхэри езыр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдынури ипэ дыдэм къыщыщӀэдзауэ ищӀэрти, аращ.


Хьисэ жыхуиӀар Симон Искариот и къуэ Иудэр арщ. А Симон Искариотыр Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀым ящыщ пэтми, Хьисэ тепщэныгъэ зиӀэхэм яригъэубыдыну хэтт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan