Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 3:16 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

16 Хьисэ игъэува цӀыху пщыкӀутӀыр мыхэращ: Симону Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Петр зыфӀищар;

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 3:16
14 Iomraidhean Croise  

Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏуту кӀуэурэ, Хьисэ Симонрэ абы и къуэш Индрисрэ хъыр псым хадзэу илъэгъуащ, ахэр бдзэжьеящэти.


Абы нэмыщӀуи, сымаджэхэр ягъэхъужын икӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахун щхьэкӀэ тепщэныгъэ яритащ.


Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ (абыхэм Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Воанергес яфӀищащ; абы къикӀыр «Щыблэм и къуэхэр» жиӀэу арщ).


Нэху зэрыщу, и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэщ, абыхэм ящыщ цӀыху пщыкӀутӀ къыхихри, апостол яфӀищащ. А апостолхэр мыхэращ:


Индрис Хьисэ деж Симоныр къишащ. Симон щилъагъум, Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ у-Симону Иуан урикъуэщ. КифэкӀэ къоджэнущ. (Кифэм къикӀыр «Мывэщ».)


Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ.


Сэ жыхуэсӀэр мыращ: Фщыщ гуэрым жеӀэ: «Сэ Паул и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Аполлос и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Кифэ и гупым сыщыщщ»; нэгъуэщӀ гуэрми жеӀэ: «Сэ Мэссихь и гупым сыщыщщ».


Паули, Аполлоси, Кифэ, дунейри, гъащӀэри, лӀэныгъэри, иджы щыӀэри щыӀэнури фыфейщ.


Кифэ, адрей апостолхэм, Зиусхьэным и къуэшхэм хуэдэу дэри фӀэщхъуныгъэ зиӀэ фыз гъусэ зыхуэтщӀыну дыхуиткъэ?


Сэ, Симон Петр, мы тхылъыр сотх. Сэ Хьисэ Мэссихь сыхуолажьэ, абы сриапостолщ. Ди Тхьэуэ дыкъезыгъэлыр Хьисэ Мэссихьщ. Абы и захуагъэщ зыми пэпщӀ мыхъун фӀэщхъуныгъэ диӀэ зэрыхъуар, апхуэдэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуа цӀыхухэращ мы тхылъыр зыхуэстхыр.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan