Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 3:14 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

14 ЦӀыху пщыкӀутӀ игъэуващ. Ахэр къыщӀигъэувар игъусэн икӀи цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм ирагъэдэӀуэну игъэкӀуэн щхьэкӀэщ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 3:14
11 Iomraidhean Croise  

Ӏуащхьэм дэкӀуейри, Хьисэ езыр зыхуейхэр къыщриджэм, ахэр къэкӀуащ.


Абы нэмыщӀуи, сымаджэхэр ягъэхъужын икӀи жин бзаджэхэр цӀыхухэм хахун щхьэкӀэ тепщэныгъэ яритащ.


Апостолхэр Хьисэ деж къыщызэхуэсыжащ икӀи ялэжьа псори цӀыхухэм ирагъэщӀа псори хуаӀуэтэжащ.


Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.


Фэ сэ сыкъыхэфхакъым, атӀэ сэ фэ фыкъыхэсхащ. Фэ дунейм фыкӀуэу, фӀыгъуэ къыфпыкӀыну, а фӀыгъуэри мыкӀудыжыну згъэуващ. Абы щыгъуэ Адэ лъапӀэм сэ си цӀэкӀэ сыт ищӀыскӀэ фелъэӀуми, ар къыфхуищӀэнущ.


– Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыщыфхуехкӀэ, лъэкӀыныгъэ фиӀэ хъунурэ, Ерусалим къалэми, Иудей, Самарие хэкухэми зэкӀэ дунейм и кӀэм нэсыху щыхьэт фыкъыщысхуэхъунущ.


Сэ сыапостол Паулщ. Апостол сыхъуну сыкъыхэзыхар цӀыхухэракъым, цӀыху гуэрми сыкъигъэкӀуакъым, сыкъыхэзыхар Хьисэ Мэссихьрэ ар лӀахэм къахэзыгъэтэджыкӀыжа Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэщ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan