Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 3:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Езыр хэтми цӀыхухэм ирамыгъэщӀэн щхьэкӀэ, жин бзаджэхэм унафэ быдэ яхуищӀат Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 3:12
6 Iomraidhean Croise  

Ауэ Хьисэ езыр хэтми цӀыхухэм кърамыгъэщӀэну абыхэм яриухылӀащ.


ЛӀым Хьисэ жриӀащ: – Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету, къурмэн щӀы итӀанэ. УзэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ ар.


Хьисэ апхуэдэу щыжиӀэм, абыхэм я нэхэр къэплъэжащ. – Фысакъ, мыр зыми жевмыӀэ, – унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм Хьисэ.


– Щыгъэт, мы лӀым къыхэкӀыж, – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри.


Хьисэ узыфэ зэмылӀэужьыгъуэ куэд зэфыкӀ сымаджэ Ӏэджи игъэхъужащ абы щыгъуэ, жин бзаджэ куэди цӀыхухэм яхихуащ, ауэ жин бзаджэхэр къэпсэлъэну хуит ищӀакъым, ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти.


Махуэ зыбжанэкӀэ апхуэдэу ищӀа нэужь, Паул губжьщ, зыкъригъэзэкӀри, хъыджэбзыр зыӀыгъ жин бзаджэм жриӀащ: – Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ мы хъыджэбзым ухэкӀыну унафэ пхузощӀ. Ар зэрыжиӀэу, жин бзаджэр хъыджэбзым хэкӀыжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan