Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 3:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Хьисэ щалъагъукӀэ, абы и пащхьэм зыщрадзыхырти, жин бзаджэхэри зэрыгъэкӀийрт: «Уэ Тхьэм ури-Къуэщ!» жаӀэурэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 3:11
14 Iomraidhean Croise  

ЩыувыӀэжым, кхъуафэжьейм исхэр лъэгуажьэмыщхьэу Хьисэ и пащхьэм итӀысхьэри, жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ Тхьэм ури-Къуэщ.


ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэлэжь шейтӀаныр къыбгъэдыхьэри Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэхэм унафэ хуэщӀ.


къыжриӀащ абы и ужькӀэ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, мыбдеж зыщедзых; Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу хэтщи: «Тхьэм и мелыӀычхэм уэ птеухуауэ унафэ къахуищӀынущ, мывэм уи лъакъуэхэмкӀэ ужьэхэмэуэн щхьэкӀэ, я ӀэхэмкӀэ узэрахьэнущ».


– Тхьэм и Къуэ, сыт уи Ӏуэхуу къытхэлъыр? ПӀалъэр къэмыс щӀыкӀэ, гугъу дебгъэхьыну укъэкӀуа? – жаӀэурэ къэгуоуащ ахэр.


Арати, жин бзаджэхэр Хьисэ къелъэӀуащ: – Мы цӀыхухэм дащыхэпхукӀэ, мо кхъуэ хъушэшхуэм дыгъакӀуи, кхъуэхэм япкъхэм дахэгъэхьэ.


Тхьэм и Къуэ Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым мыпхуэдэу къыщӀедзэ.


Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ.


Хьисэ щилъагъум, и лъабжьэм зыщӀидзэри, макъышхуэкӀэ къэгуоурэ жиӀащ абы: – Хьисэ, Тхьэуэ Лъагэм и Къуэ, уи Ӏуэхуу сыт къысхэлъыр? СынолъэӀу, гугъу сумыгъэхь!


А хъыджэбзым, Паулрэ дэрэ ди ужь имыкӀыу, ину псалъэурэ жиӀэрт: – Мы лӀыхэр Тхьэуэ Лъагэм и лӀыкӀуэщ. Тхьэм фымыкӀуэду фыкъызэрыригъэлын гъуэгур абыхэм къывжаӀэ.


Зыгуэр мэжалӀэ хъумэ, и унэм щрешхэ, фыщызэхуэсам деж къуаншэ фымыхъун папщӀэ. СынакӀуэмэ, адрей Ӏуэхухэм я унафэр сщӀынущ.


Зы Тхьэм фӀэкӀ зэрыщымыӀэр уи фӀэщ мэхъу. Ар фӀыщ. Жин бзаджэхэми ар я фӀэщ мэхъу икӀи щошынэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan