Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 3:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ цӀыху куэд игъэхъужырти, уз зыпкърыт цӀыху псоми зыкъыхуадзырт, абы къеӀусэн щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 3:10
18 Iomraidhean Croise  

Ауэ Зиусхьэным удын хьэлъэхэмкӀэ хигъэщӀащ фирхьэунри абы и унэри, Ибрам и фыз Сарай щхьэкӀэ.


Абыхэм я мурадыр къыщищӀэм, Хьисэ а щӀыпӀэм икӀыжащ. Хьисэ и ужь цӀыху куэд иуващ, икӀи абыхэм яхэт сымаджэ псори игъэхъужащ.


Хьисэ кхъуэфэжьейм къикӀыу, цӀыху гупышхуэр щилъагъум, игу ящӀэгъури, сымаджэу яхэтыр игъэхъужащ.


НэгъуэщӀ мыхъуми, Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт сымаджэхэр, щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.


Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


– Си хъыджэбз! – жриӀащ абы Хьисэ. – Уи фӀэщхъуныгъэм уигъэхъужащ. Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, уи узыфэр Тхьэм пщхьэщихауэ узыншэу упсэу!


Къуажи, къали, жыли, зэрыжаӀэу, Хьисэ дэнэ кӀуэми, цӀыхухэм я сымаджэхэр зэхуэсыпӀэхэм щагъэгъуэлъырти, нэгъуэщӀ мыхъуми Хьисэ и щыгъын кӀапэм иригъэӀусэну лъаӀуэрт икӀи щыгъын кӀапэм еӀуса псори узыншэ хъужырт.


Хьисэрэ абы и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ Вифсайдэ жылэм кӀуащ абы и ужкӀэ. ЦӀыхухэм лӀы нэф гуэр къыхуашэри, абы теӀэбэну Хьисэ елъэӀуащ.


А кхъуафэжьейхэм языхэзым, Симон ейм, итӀысхьэри, Ӏуфэм тӀэкӀу ӀукӀуэтыну Хьисэ Симон елъэӀуащ. ИтӀанэ кхъуафэжьейм ису, Тхьэм и псалъэхэр цӀыху гупышхуэм яригъащӀэу щӀидзащ.


Сымаджэ псори зыгъэхъужыф къару и пкъым къыхэкӀыу зэрыщытам щхьэкӀэ, цӀыху псори хущӀэкъурт Хьисэ зэреӀусэным.


Дзэ пашэ гуэрым фӀыуэ илъагъу унэӀут иӀэт. А унэӀутыр лӀэн гъунэгъу хъуауэ сымаджэт.


А зэманым сымаджэ куэди, узыфэ Ӏей зэфыкӀ куэди, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэди Хьисэ игъэхъужырт. ЦӀыху нэф куэди къигъэплъэжырт.


Арати, Петр щыблэкӀкӀэ, нэгъуэщӀ мыхъуми, и ныбжьыр сымаджэхэм къатридзэн щхьэкӀэ, цӀыхухэм я сымаджэхэр пӀэхэм зэрилъу, е алэрыбгъухэм телъу къахьырти, уэрамхэм къыдалъхьэрт.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Зиусхьэным фӀыуэ илъагъу цӀыхур ӀурыщӀэ ещӀ, и быным хуэдэу ищтэ дэтхэнэми гугъуехь ирегъэшэч».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan