9 Сытыра нэхъ тыншыр: пкъыуэ хъуа лӀым, «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жепӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэдж, уи алэрыбгъур къащти, ежьэж» жепӀэныра?
Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.
Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, Хьисэ деж къахьащ. Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Умыдзыхэ, си щӀалэ! Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
Сытыра нэхъ тыншыр «Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ» жыпӀэныра, хьэмэрэ «Къэтэджи, ежьэж» жыпӀэныр ара?
ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм гуэныхьхэр игъэгъуну дунейм тепщэныгъэ зэрыщиӀэр къэфщӀэн щхьэкӀэ, – жиӀэщ, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым зыхуигъазэри, жриӀащ:
Абыхэм я гум илъыр асыхьэтым игукӀэ ищӀэрти, Хьисэ яжриӀащ: – Сыт апхуэдэ фигукӀэ щӀыжыфӀэр фэ?
Хьисэ цӀыхубзым жриӀащ итӀанэ: – Уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.