6 Торэт егъэджакӀуэ пашэхэм ящыщ гуп абдежым щысти, ягукӀэ жаӀащ:
Абыхэм я фӀэщхъуныгъэр щилъагъум, Хьисэ пкъыуэ хъуа лӀым жриӀащ: – Си щӀалэ, уи гуэныхьхэр къыпхуэгъуащ.
Мы лӀым апхуэдэу щӀыжиӀэр сыт? Абы Тхьэр игъэпцӀыркъэ? Тхьэм фӀэкӀ, гуэныхьхэр хэт игъэгъун зылъэкӀынур?
Абыхэм жаӀэм гу лъитати, Хьисэ яжриӀащ: – ЩӀакхъуэ зэрывимыӀэм фыщӀытепсэлъыхьыр сыт? Зыри зэхэвмыщӀыкӀыу икӀи къывгурымыӀуэу ара иджыри? Апхуэдизу щхьэ фыерыщ?
цӀыхухэм Тхьэр зэращӀэным пэувыну зыкъэзыӀэт пагэныгъэ псори догъэкӀуэд, сыт хуэдэ гуращэри Мэссихь хуэӀурыщӀэну доубыд.