22 ФадэщӀэр зыми фэнд тӀорысэхэм иригъахъуркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, фэндхэр зэгуитхъынурэ, фадэр къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдыжынущ. ФадэщӀэр фэндыщӀэхэм ирагъахъуэн хуейщ.
ФадэщӀэр фэнд тӀорысэм ирагъахъуэркъым. Апхуэдэу ящӀмэ, фэндхэр къызэгуэитхъынурэ фадэр къижынущ, езы фэндхэри абы текӀуэдэнущ. ФадэщӀэр фэндыщӀэхэрщ зрагъахъуэр. ТӀури къызэтенэнущ абы щыгъуэ.
– ЩэкӀыщӀэм щыщ щыдэжын зыми щыгъыныжьым щидэжыркъым. Апхуэдэу ищӀмэ, щэкӀыщӀэм щыщ щыдэжыным щыгъыныжьыр зэфӀитхъынурэ, гъуанэр нэхъ ин хъунущ.
Хьисэ гуэдз хьэсэхэм хэтурэ кӀуэрт щэбэт махуэ гуэрым. И гъуэгу ирикӀуэхэр хьасэм здитым, гуэдз щхьэмыжхэр къыпачу щӀадзащ.