Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 2:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Хьисэ Галилей гуэлым и Ӏуфэм Ӏухьэжащ аргуэру. ЦӀыху гупышхуэ къэкӀуащ, Тхьэм и псалъэхэр абыхэм яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 2:13
11 Iomraidhean Croise  

Унэм щӀэкӀри, Хьисэ гуэл Ӏуфэм ӀутӀысхьащ а махуэ дыдэм.


АдэкӀэ кӀуэурэ, хьэкътын ахъшэр щыхах унэм деж щысу Маттэ зи цӀэ лӀы гуэр илъэгъуащ Хьисэ. – Си ужь къиувэ, – жриӀащ абы Хьисэ. Маттэ къэтэджри, Хьисэ и ужь иуващ.


Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.


А лъэныкъуэм икӀыжри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. ЦӀыху гупышхуэхэр абы и деж къыщызэхуэсащ аргуэру икӀи, зэрихабзэу, Хьисэ абыхэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.


Щызэхахым, апхуэдизкӀэ цӀыху куэд къызэхуэсати, бжэӀупэм увыпӀэ имыӀэж хъуащ икӀи Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэу щӀидзащ Хьисэ.


Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм псы Ӏуфэм щаригъащӀэу щӀидзащ аргуэру. Абы деж къыщызэхуэса цӀыхухэр апхуэдизкӀэ куэд хъурти, псым тет кхъуафэжьейм итӀысхьащ. ЦӀыхухэр, гупышхуэ зэрыгъэхъуауэ, псы Ӏуфэм Ӏутт.


ауэ цӀыху псори я гуапэу Хьисэ едаӀуэу щытти, иращӀэн мыхъумыщӀагъэ лъэпкъ ягъуэтакъым.


Жьыуэ, пщэдджыжь къэс, Хьисэ едэӀуэну цӀыху псори, Тхьэм и унэшхуэм кӀуэрт.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan