Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 2:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 ЛӀыр асыхьэтым къэтэджщ, и алэрыбгъур асыхьэтым къищтэжри, цӀыху псоми ялъагъуу, унэм щӀэкӀыжащ. Ар псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэу, икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу, жаӀащ: – Мыпхуэдэ Ӏуэху зэи тлъэгъуакъым дэ!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 2:12
13 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху гупышхуэм, хуабжьу ягъэщӀагъуэу, жаӀащ: – Мыр Даут и Къуэу Мэссихьыр армырауэ пӀэрэ?


Бзагуэхэр псалъэу, Ӏэшэхэр Ӏэбэфу, лъашэхэр тэмэму зекӀуэу, нэфхэр къэплъэжу щалъагъум, цӀыху гупышхуэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Израил и Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


Хьисэ жин бзаджэр а лӀым хихужри, бзагуэр къэпсэлъащ. Ар зылъэгъуа цӀыху псоми ягъэщӀагъуэурэ жаӀэрт: – Израил къэралым мыпхуэдэ Ӏуэху зэи щытлъэгъуакъым!


ЦӀыху гупышхуэм ар щалъагъум, ягъэщӀэгъуащ. ЦӀыхухэм Хьисэ апхуэдэ тепщэныгъэ къезыта Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.


– Сэ ныбжызоӀэ, къызэфӀэувэ, уи алэрыбгъур къащти, уи унэ кӀуэж.


И Ӏэхэр а цӀыхубзым трилъхьэри, абы занщӀэу зиузэхужащ, Тхьэми щӀыхь хуищӀащ.


Абыхэм ящыщ зым зэрыхъужар щилъагъум, Тхьэм макъышхуэкӀэ фӀыщӀэ хуищӀурэ къигъэзэжащ.


ЦӀыху псоми я гур щӀэхуауэ Тхьэм фӀыщӀэ хуащӀащ. Зэрыгъэщтэжауэ жаӀащ абыхэм: – Сыту телъыджэ нобэ дэ тлъэгъуар!


ЦӀыхухэр зэрыгъэщтэжащ абдежым икӀи Тхьэм щӀыхь хуащӀу жаӀащ: – Бегъымбарышхуэ къытхэкӀащ. Тхьэр и лъэпкъым нэфӀкӀэ къеплъащ.


Ауэ цӀыху гупышхуэм ящыщ куэдым ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ щыхъуащ абдежым. – Мэссихь къакӀумэ, мы лӀым нэхърэ нэхъыбэу нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэр къигъэлъэгъуэфыну пӀэрэ? – жаӀэрт абыхэм.


Нэфу къалъхуа цӀыхур зыгуэрым къигъэплъэжауэ цӀыхухэм зэикӀ зэхахакъым.


Журт пашэхэм аргуэру «ФыкъыдэмыдаӀуэмэ, фэдгъэпшыныжынущ» кӀийуэ къыжраӀэри, къаутӀыпщыжащ. Абыхэм гугъуехь щӀрагъэшэчын щхьэусыгъуэ ягъуэтакъым, а къэхъуам щхьэкӀэ цӀыху псоми Тхьэм щӀыхь хуащӀу щӀадзакӀэти.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan