1 Махуэ заул дэкӀауэ, Хьисэ Капернаум къалэм къыщигъэзэжым, ар унэм къызэрыкӀуэжар цӀыхухэм зэхахащ.
Назарет къалэм дэкӀыжщ, Завулон, Неффалим хэкухэм ящыщу псы Ӏуфэм Ӏут Капернаум къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ ар.
Кхъуафэжьейм итӀысхьэщ, гуэлым къызэпрыкӀыжри, и къалэм къэкӀуэжащ Хьисэ.
Ауэ а лӀыр ежьэри, къэхъуа псори жиӀэжурэ, зэрыхъужа щӀыкӀэм и хъыбарыр цӀыхухэм яхуиӀуэтэжащ. Абы къыхэкӀкӀэ, цӀыхухэм къалъагъуу Хьисэ къалэ гуэри дыхьэ хъунутэкъым, щӀыпӀэ пхыдзахэм щыӀэт. Ауэ дэни къикӀыурэ, цӀыхухэр абы деж къакӀуэрт.
Щызэхахым, апхуэдизкӀэ цӀыху куэд къызэхуэсати, бжэӀупэм увыпӀэ имыӀэж хъуащ икӀи Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэу щӀидзащ Хьисэ.
Хьисэ унэм кӀуэжащ итӀанэ. Езымрэ и гъуэгу ирикӀуэхэмрэ шхэгъуэ имыхуэурэ, цӀыху гупышхуэ къызэхуэсащ аргуэру.
Хьисэ цӀыхубэм хэкӀыжу, унэм щыщӀыхьэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр а ущие хъыбарым теухуауэ къеупщӀащ.
А щӀыпӀэм икӀри, Хьисэ къалэхэу Тиррэ Сидонрэ я Ӏэхэлъахэм кӀуащ итӀанэ. Унэ гуэрым щыщӀыхьэм, абдежым езыр зэрыщыӀэр зыми ищӀэну хуеятэкъым, арщхьэкӀэ ар бзыщӀа хъуакъым.
Хьисэ унэ гуэрым щыщӀыхьэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къэнати, къеущӀащ абы и ужькӀэ: – Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?
– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.
Пкъыуэ хъуа лӀы гуэр, алэрыбгъум телъу, лӀы зыбжанэм къахьырт, унэм щӀахьэу Хьисэ и пащхьэм иралъхьэну.
Хьисэ Иудейм къикӀыу, Галилейм къызэрыкӀуар а Ӏэтащхьэм щызэхихым, абы деж къэкӀуащ. – КъакӀуи, си къуэ сымаджэу лӀэн гъунэгъу хъуар схуэгъэхъуж, – жиӀэри къелъэӀуащ.
А макъышхуэр къыщыӀум, зыхуахьынур ямыщӀэу, цӀыху куэд зэхуэжэсащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ щхьэж и бзэкӀэ ахэр псалъэу дэтхэнэми зэхихырт.