9 Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, жьыуэ, Хьисэ лӀахэм къащыхэтэджыкӀыжым, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием япэу зыкъригъэлъэгъуащ. А Мэриемырат Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар.
Абыхэм яхэтт: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Зеведей и къуэхэм я анэ, нэгъуэщӀ Мэрием. Ар Екъубрэ Иосийрэ я анэт.
Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт.
Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ Иосий и анэ Мэриемрэ Исуф хьэдэр зыщӀилъхьар ялъэгъуащ.
ЦӀыхубзхэм я гур апхуэдизкӀэ хэщӀати, кхъэлэгъунэм кӀэзызу къыщӀэкӀыжри, ежэжьащ. Зыми зыри жраӀакъым, хуабжьу шынати.
Апостолхэм ар яжезыӀэжар мы цӀыхубзхэрщ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Иуаннэ, Екъуб и анэ Мэрием, абыхэм я гъуса адрей цӀыхубзхэр.
Жин бзаджэхэр яхихужауэ икӀи я узыр ящхьэщихауэ цӀыхубз гуэрхэри и гъусэт: Магдалэ жылэм щыщ Мэриему Хьисэ жин бзаджибл зыхихужыгъар,
мелыӀычитӀ, хужькӀэ хуэпауэ, Хьисэ и хьэдэр здэщылъам деж, зыр и щхьэмкӀэ, адрейри и лъапэмкӀэ, щысу илъэгъуащ.
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм щӀакхъуэ зэгуэтщӀыкӀыну дызэхуэсащ. Паул етӀуанэ махуэм гъуэгу техьэну мурад ищӀауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэхэм Тхьэм и псалъэхэр яжриӀэурэ, и псалъэр жэщ ныкъуэм нэсыху иукъуэдиящ.
Къилэжьам къыхэкӀауэ Ӏыхьэ гуэр тхьэмахуэм и япэрей махуэ къэс зэхурехьэси, хэти ирегъэтӀылъ. Сэ сынэкӀуа нэужь, зэхуэвмыхьэсын щхьэкӀэ, апхуэдэу фщӀэ.
Зиусхьэным и махуэм Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къысхуехащ. Бжьамиишхуэм и макъым хуэдэ макъышхуэ гуэрым къыжиӀэу си щӀыбагъкӀэ щызэхэсхащ: «Алфэри Омегэри, япэрейри иужьрейри сэращ.