2 Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм жьы дыдэу, дыгъэр къыщӀэкӀа къудейуэ, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ.
Щэбэтыр блэкӀауэ, тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм, нэху щыщым, Магдалэ щыщ Мэриемрэ адрей Мэриемрэ кхъэлэгъунэм еплъыну кӀуащ.
Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ.
Абыхэм жаӀащ: – Кхъэлэгъунэ щӀыхьэпӀэм Ӏулъ мывэшхуэр хэт къытхуӀуигъэукӀуриикӀын?
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм нэху щыщым, цӀыхубзхэм хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэу ягъэхьэзырар здахьри, кхъэлэгъунэм кӀуащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри я гъусэу.
Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм пщэдджыжьым жьыуэ, кӀыфӀ зэхэту, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием кхъэлэгъунэм кӀуащ. ЩыкӀуэм, кхъэлэгъунэм мывэшхуэр ӀугъэукӀуриикӀауэ илъэгъуащ.