13 Абыхэм ягъэзэжри, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей цӀыхухэм хъыбарыр хуаӀуэтэжащ, ауэ абыхэм я фӀэщ хъуакъым.
Хьисэ щалъагъум, и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итӀысхьащ; ауэ ар зи фӀэщ мыхъу гуэрхэр абыхэм яхэтт.
Хьисэ зэрыпсэур икӀи Мэрием ар зэрилъэгъуар щызэхахым, я фӀэщ хъуакъым.
Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.
– «Мусэ бегъымбарымрэ адрей бегъымбархэмрэ емыдаӀуэмэ, лӀахэм зыгуэр къахэтэджыкӀыжми, я фӀэщ хъунукъым», къыжриӀащ Ибрэхьим.
ЦӀыхубзхэм жаӀам къимыкӀауэ апостолхэм ялъытащ, я фӀэщи хъуакъым.
ГуфӀэгъуэшхуэм къыхэкӀыу я фӀэщ мыхъуу ягъэщӀагъуэ щыхъум, яжриӀащ: – Мыбдежым шхын гуэр щывиӀэу пӀэрэ?
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыхэм абы къыжраӀащ: – Зиусхьэныр тлъэгъуащ. – ГъущӀ ӀунапӀэхэр Хьисэ и Ӏэхэм ятезмылъэгъуауэ, си Ӏэпхъуамбэри а гъущӀ ӀунапӀэхэм тезмылъхьауэ, си Ӏэри Хьисэ и джабэм тезмылъхьауэ, си фӀэщ хъунукъым, – яжриӀащ Фомэ абыхэм.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ адрей лӀыр, япэ нэсар, кхъэлэгъунэм щӀыхьащ. Абыи псори илъагъури, и фӀэщ хъуащ;