12 И гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщу цӀыхуитӀ губгъуэмкӀэ кӀуэ пэтрэ, нэгъуэщӀ теплъэ иӀэу, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ итӀанэ.
Абы и ужькӀэ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀузыр шхэуэ здэщысым, Хьисэ закъригъэлъэгъуащ. Абыхэм я фӀэщ мыхъуныгъэмрэ я ерыщыгъэмрэ щхьэкӀи, Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжауэ зылъэгъуахэм яӀуэтэжар я фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀи, Хьисэ абыхэм егиящ.
Тхьэм зделъэӀум, Хьисэ и нэкӀум и теплъэм зихъуэжащ, и щыгъынхэри хужьыбзэу лыд хъуащ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм Тивериадэ гуэлым деж аргуэру закъыщригъэлъэгъуащ абы и ужькӀэ. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ:
Хьисэ лӀахэм къахэтэджыкӀыжа нэужь, и гъуэгу ирикӀуэхэм абдеж ещанэрейуэ закъригъэлъэгъуауэ арат.
Гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм шэч хэмылъу къазэрыхэтэджыкӀыжар куэдрэ яхуигъэпэжу, Хьисэ абыхэм закъригъэлъэгъуащ. Апостолхэм куэдрэ закъригъэлъагъурт махуэ плӀыщӀым къриубыдэу икӀи Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм и Ӏуэхухэм яхутепсэлъыхьырт.